|
ЦIыхубэм я тхыдэм сыт хуэдизкIэ ухэмыплъэжми мы дунейм зы лъэпкъи тебгъуэтэнкъым, муслъымэн Iуммэтым КъурIэн лъапIэм гулъытэу хуащIым хуэдэу зы тхылъ гуэрым ахэр я нэхъ лейуэ елIалIэу. КъурIэным гулъытэ лей муслъымэнхэм зэрыхуащIыр наIуэ къохъу мы IуэхугъуэхэмкIэ: ар гукIэ зэрызэрагъащIэмкIэ; а Тхылъыр сыт и лъэныкъуэкIи зэраджымкIэ; езэш ямыщIэу абы зэреджэмкIэ; жыжьэуи гъунэгъууи абы ехьэлIа Iуэхугъуэу хъуар зэрызэхуахьэсыжымкIэ… Апхуэдэ елIэлIэныгъэр Ислъам диныр къыщыунэхуам щежьауэ нобэр къыздэсми муслъымэнхэр абы тетщ. НтIэ игъэпэжкъэ Алыхь Талэм КъурIэн лъапIэр къызэрихъумэнумкIэ псалъэ итар?! ЖиIатэкъэ езы Алыхь Закъуэм: "إِنَّا نَحْنُ نَزَّلْنَا الذِّكْرَ وَإِنَّا لَهُ لَحَافِظُونَ" "ИпэжыпIэкIэ Дэращ КъурIэныр незыгъэхари, икIи Дэращ ар зыхъумэр". Сурэ: "Iэл-Хьиджр" аят: 9).
Къыщыгъуэтыт тхыдэм зы лъэпкъ, лIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ зэпымычу и бынхэм тхылъ гуэр гукIэ зэрагъащIэу къэгъуэгурыкIуэу!.. Уеблэмэ ныбжьми емылъытауэ – балигъми сабийми, нэхъыжьми нэхъыщIэми; щIыпIэ гуэрми темыухуауэ – къалэхэми, къуажэхэми, щIыналъэ пхырыдзахэми КъурIэныр гукIэ куэдым ящIэ. Абы и щыхьэту дэнэ деж укъыщыщIимыдзами а КъурIэн лъапIэм зыщIыпIэ деж псалъэ гуэрым е хьэрф гуэрым щыуагъэ хэпщIыхьмэ, занщIэу узыузэхужын, уи щыуагъэм гу лъозыгъэтэжын цIыху урихьэлIэнущ. Ар телъыджэкъэ тIэ?! Мы КъурIэн лъапIэм нэмыщI нэгъуэщI тхылъ щыIэу пIэрэ апхуэдэу ягъэлъапIэу?! Муслъымэн Iуммэтым КъурIэн лъапIэр ихъумащ къыщеха напIэзыпIэхэм щыригъажьэри, икIи муслъымэн щIыналъэ псоми илъэс щэ бжыгъэ хъуауэ ар яхъумэу къогъуэгурыкIуэ. А Iуэхугъуэм теухуауэ шэч къэзыхьэр нэм къыщIэуэ дыгъэ нурым шэч къытезыхьэращ е зи гумкIэ гужьгъэжьгъ бзаджэ гъэпщIкIуауэ зыкIуэцIылъращ. Бегъымбар лъапIэр, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыныр, егъэлеяуэ хуэсакъыурэ КъурIэным щыщу къухехыр къызэрех къудейуэ и гъусэхэм яригъэщIэжт. Щэхьабэ махуэхэри тригъэгушхуэт КъурIэныр зэрагъэщIэну, нэгъуэщIхэми ар ирагъэщIэжыну мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ: "Фэ нэхъыфIу къыфхэтыр КъурIэныр зыджу нэгъуэщIым ар езыгъэджыжаращ". (КъиIуэтэжащ Iэл-Бухъарий). Мы Iуэхугъуэ дыдэм епхауэ къэкIуа хьэдисхэр пщIы бжыгъэхэм нызэрохьэс. КъурIэн лъапIэр зэпыудауэ къызэрехам папщIэ, абы и зэгъэщIэнри, къыщыкIуа унафэхэм фIыуэ щыгъуазэ захуэщIынри тынш дыдэ ящыхъуат щэхьабэ лъапIэхэм. Абы и щыхьэтщ мы аят лъапIэри: "وَقُرْآناً فَرَقْنَاهُ لِتَقْرَأَهُ عَلَى النَّاسِ عَلَى مُكْثٍ وَنَزَّلْنَاهُ تَنْزِيلاً" "Дэ КъурIэныр (аят-аяту) дгуэшащ, цIыхухэм хуиту (умыпIащIэу) уакъыхуеджэн папщIэ, икIи пычыгъуэ-пычыгъуэу недгъэхащ". (Сурэ Iэл-IисраI, аят: 106). КъурIэныр ятхыу, абы и тхакIуэу бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, цIыху плIыщIым щIигъу иIащ. Уэхьийр къызэрехыу а напIэзыпIэм, щэхьабэхэм щыщ зы гупи щхьэщыту, къехар ятхыу щытащ абыхэм… Ятхамрэ, зэхахамрэ бегъымбар лъапIэр, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыныр, ирагъэдэIуэжу пщэдджыжькIэрэ пщыхьэщхьэкIэрэ зэхэст ахэр… Унагъуэ зимыIэу икIи нэхъ хуэмыщIауэ псэу щэхьабэхэр бегъымбар лъапIэм и мэжджытым лъэныкъуэ егъэзыпIэу щыпсэухэт, езы лIыкIуэ лъапIэм и нэIэ къатету. Бегъымбарым ахэр игъэгушхуэурэ КъурIэныр гукIэ зэрагъащIэт, ар щIаджыкIыу зэхэст, уеблэмэ мэжджытыр абыхэм я макъхэмкIэ зэщIэзджызджэт. Мис абыхэм ехьэлIауэ мы аят лъапIэри къехащ:
"وَاصْبِرْ نَفْسَكَ مَعَ الَّذِينَ يَدْعُونَ رَبَّهُمْ بِالْغَدَاةِ وَالْعَشِيِّ يُرِيدُونَ وَجْهَهُ" "Я Тхьэм яхуэгъэзауэ пщэдджыжькIи пщыхьэщхьэкIи гурэ псэкIэ Абы елъэIухэм яхэс…". (Сурэ: Iэл-Кэhф, аят: 28).
Ахэр зыщIэсым "Щуффэ"кIэ еджэт. ИкIи а щIыпIэ берычэтыр тхьэмыщIкIэхэм я егъэзыпIэ къудей мыхъуу – КъурIэныр гукIэ щызрагъащIэ, абы унафэ къыщыкIуэхэр щадж мыдрисэт. Абыхэм ящыщ дапщэ бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм игъэкIуа – КъурIэныр цIыхухэм ирагъэщIэну, динми щыгъуазэ хуащIыну?! Мухьэммэд Захид Iэл-Кэусэрий.
|